ХЬЭЗАБ ЗРАГЪЭШЭЧА ЗАУЭЛӀ ИОАНН ТХЬЭ ЩЕЛЪЭӀУАЩ ЗВЁЗДНЭ КЪУАЖЭМ

13.08.2026
Просмотры: 562

2026 гъэм шыщхьэуӏум и 12-м, хьэзаб зрагъэшэча Зауэлӏ Иоанн и фэеплъ махуэм, Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт Тхьэлъэӏу литургие щригъэкӏуэкӏащ щихъым теухуа члисэм, Звёзднэ къуажэм, КъБР-м. 
Архиерейм дэлэжьащ Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и дин лэжьакӏуэхэу благочиннэ протоиерей Бобылев Валентинрэ протодиакон Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Архипастырым и гъусэу тхьэ елъэӏуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щыщ зауэлӏхэр, къуажэм щыпсэухэр, хьэжыщӏ кӏуэхэр. 
Литургие нэужьым Тепщэр жор зекӏуэм пашэ щыхъуащ, щихъым щӏыхь хуищӏри, фӏэщхъуныгъэ зиӏэхэм уазкӏэ захуигъэзащ.
Махуэшхуэр сэлэт губгъуэ шхыныгъуэхэм я Iэнэкӏэ иухащ.

562
Фотогалерея