«ЗЕЛЕНЫЙ АФОН» ЗЭХУЭСЫР ИУХАЩ

04.08.2026
Просмотры: 447

2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м щыщӏэдзауэ и 31-рэ пщӏондэ Успенскэ Второафонскэ Бештаугорскэ цӏыхухъу къулъшырыфым и щӏыналъэм щекӏуэкӏащ Кавказ Угъурлым и чристэн щӏалэгъуалэм я «Зеленый Афон» XXII зэхуэсыр.
Мы гъэм форумыр Ставрополь митрополием и щихъхэм траухуащ. Щихъхэр канон щӏынымкӏэ епархием и комиссэм и дэӏэпыкъуныгъэкӏэ абы хэтахэм зрагъэцӏыхуащ XX-нэ лӏэщӏыгъуэм Мэсихь щхьэкӏэ лей зытехьа дин-лэжьакӏуэхэм я гъащӏэм.
Смениплӏым хыхьэу щӏалэгъуалэр архиепископ Феофилактрэ епархием и дин-лэжьакӏуэхэмрэ яӏущӏащ, зекӏуэ кӏуащ, дзэ-хэкупсэ джэгухэм хэтащ, мафӏэм деж щызэпсэлъащ, Тхыгъэ Лъапӏэмрэ члисэ уэрэд жыӏэнымрэ яджащ. Форумым хэтахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Кавказым и Минеральнэ Псыхэм я творческэ гупхэри.
Форумым къриубыдэу щӏалэхэр нэхъ балигъ хъуащ, зэныбжьэгъугъэм, адрейхэм я ӏуэху еплъыкӏэм пщӏэ хуащӏу, гупхэм щылэжьэфу, гъэсакӏуэхэмрэ волонтёрхэмрэ я лэжьыгъэр ягъэлъапӏэу зрагъэсащ. Кӏэух нэхъыщхьэ дыдэр форумым и зэманым Мэсихь и Щэху Лъапӏэхэм хэтхэр псэкӏэ гъэбыдэнырщ.

447
Фотогалерея