"Спартак-Налшык «СК-м и футболистхэм мыхьэнэшхуэ зиӏэм теухуа псалъэмакъ» драгъэкӏуэкӏащ Пятигорск епархием и Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентинрэ муслъымэнхэм я дин ӏуэхущӏапӏэм и унафэщӏым и къуэдзэ Сыжажэ Алим-хьэжырэ.
Уэршэрым здыхэтым ахэр тепсэлъыхьащ псэкупсэ гъащӏэм и лъабжьэхэм, тхьэлъэӏум Дыкъэзыгъэщӏам псэууэ епсэлъэным и мыхьэнэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я хабзэхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфӏыгъуэхэмрэ хъумэным.