УРЫСЕЙР УМЭХЪЫН ЩӀЫНЫР СУРЭТЫЩӀХЭМ Я НЭКӀЭ

03.08.2026
Просмотры: 385

2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и члисэмрэ Юцэ къуажэм и сабий сад № 12-мрэ гуп нэхъыжьым и гъэсэнхэм папщӏэ зэрызэдэлэжьам ипкъ иткӏэ ирагъэкӏуэкӏащ «Князь Владимир и Крещение Руси» дерсыр.
Сабийхэм яхутепсэлъыхьащ Урысейм и чристэн тхыдэм щӏэдзапӏэ хуэхъуа махуэшхуэмрэ умэхъын щӏыныр къэзыщта, Урысыр къыхуэзыша апостол пэлъытэ пщы уэлий Владимир лъапӏэмрэ.
Щӏалэхэм зыщагъэгъуэзащ зи лэжьыгъэхэр Урысейр Умэхъын щӏыным тезыухуа урыс сурэтыщӏхэм я сурэтхэм. Абыхэм ящыщщ Васнецов Виктор, Иванов Александр, Бронников Фирс, Перов Василий сымэ. Итӏанэ сабийхэм ирагъэлъэгъуащ «Крещение Руси в живописи» фильмыр.
Хуабжьу яфӏэгъэщӏэгъуэну гъэсэнхэр едаӏуэрт Умэхъын Щӏыным и Щэхум теухуа хъыбарым. Зэӏущӏэр щиухым ахэр мастер-классым хэтащ икӏи Урысейр умэхъын щӏыным теухуа сурэтхэр ялащ.

385
Фотогалерея