ДОНБАССЫМ И БЫНХЭР ЕССЭНТӀЫГУ ХУЩХЪУЭМ ЩЫӀАЩ

02.08.2026
Просмотры: 441

Луганск щыщ сабийхэр, адэ-анэм я жьауэм щӏэмытыжу къэнахэр, Ессэнтӏыгу реабилитацэ курс щокӏуэкӏ. Узыншагъэр щрагъэфӏакӏуэ программэм ипкъ иткӏэ ахэр щыӏащ Пятигорск епархием иппотерапиемкӏэ и «Целебный Ессэнтӏыгу» центрым.
Щӏалэ, хъыджэбз плӏыщӏым шэщымрэ манежымрэ зыщрагъэплъыхьащ. Щӏалэхэм хуаӏуэтащ шууей хущхъуэм и сэбэпынагъыр, шы лъэпкъхэмрэ абыхэм зэракӏэлъыплъ щхьэхуэныгъэхэмрэ щагъэгъуэзащ. Хуей псоми шууэ къажыхьыфащ.
Шыхэм уепсэлъэныр сэбэп мэхъу ӏэпкълъэпкъым и къарур зэфӏэгъэувэжыным и мызакъуэу, гурыщӏэ щытыкӏэми фӏы и лъэныкъуэкӏэ зрегъэхъуэж. Абы псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иӏэщ гъащӏэм и гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэр зи нэгу щӏэкӏа сабийхэм я дежкӏэ.

441