КАВКАЗЫМ И НЭКӀУ № 7 (217)

02.08.2026
Просмотры: 365

«Лик Кавказа» хъыбарегъащӏэ-публицистикэ газетым и 217-нэ номерыщӏэм щытопсэлъыхь къэзакъхэр Архипастырым и гъусэу тхьэ щелъэӏуа Новопавловск къалэм апостол Лъапӏэхэу Пётррэ Павелрэ я махуэр зэрыщагъэлъапӏэм. 
Тхылъеджэм и пащхьэ иралъхьащ атаман Кузнецов Виталий зи пашэ урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и лӏыкӏуэхэр «Тэрч» къэзакъ тӏасхъэщӏэх бригадэм и хэщӏапӏэм зэрыкӏуам теухуа хъыбарыр.
Газетым къыщыгъэлъэгъуащ Минераловодскэ къалэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэр зыхэта Сунжэ къуажэм и члисэм тхьэлъэӏум теухуа хъыбархэр.
Хъыбарегъащӏэ-публицистикэ газетым и ебланэ къыдэкӏыгъуэм къыщыгъэлъэгъуащ XII Епархием и «Тхыдэр дотх» щӏэныгъэ-практикэ конференцым хэта, Ессэнтӏыгу къалэм щыщ Резников Владимир и рефератым щыщ пычыгъуэ.
Хабзэ зэрыхъуауэ къыдэкӏыгъуэм къыхощ Тэрч, Псыжь къэзакъыдзэхэм я къудамэу Пятигорск, Черкесск епархием и щӏыналъэм щыӏэхэм я къэзакъ гъащӏэм щыхъыбархэр. Газетыр PDF форматкӏэ къипхыфынущ.

 

365