РОСГВАРДИЕМ ЩАГЪЭЛЪЭПӀАЩ УРЫСЕЙР УМЭХЪЫН ЩАЩӀА МАХУЭР

31.07.2026
Просмотры: 547

2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м Росгвардием и округым Жуковым и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ орденыр Пятигорск щыхъумэнымрэ къызэгъэпэщынымкӏэ и батальон щхьэхуэм и округым и унафэщӏым фӏэщхъуныгъэ зиӏэхэм ядэлэжьэнымкӏэ и дэӏэпыкъуэгъу протоиерей Филиппов Андрей Урысейр умэхъын щащӏа махуэм теухуауэ цӏыху щхьэхуэхэм я махуэшхуэ тхьэлъэӏу щригъэкӏуэкӏащ.
Щоджэным дзэм къулыкъу щызыщӏэхэм ягу къигъэкӏыжащ Урысейр умэхъын щӏыным и мыхьэнэр икӏи къыхигъэщащ пщы Владимир къызэрыхихам псэкупсэ гъуэгумрэ къэралым адэкӏи зэрызиужьынумрэ зэриубзыхуар. Зэхыхьэм и кӏэм протоиерей Филиппов Андрей росгвардейцхэм ехъуэхъуащ псэ быдэ яIэну, Тхьэм дэӏэпыкъуну, Хэкум хуэлэжьэнымкӏэ быдагъэ яӏэну.

547