ХЬЭЖЫЩӀ КӀУЭХЭР ГЪУЭГУАНЭМ КЪИКӀЫЖАЩ

28.07.2026
Просмотры: 461

2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м щыщӏэдзауэ и 25-рэ пщӏондэ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и хьэжыщӏ кӏуэхэм Урысейм и щӏыпӏэ лъапӏэхэм хьэжыщӏ кӏуэным щыпащащ.
Бадзэуэгъуэм и 21-м гупыр щыӏащ Владимирскэ областым хыхьэ Лаптевэ къуажэм дэт Боголюбскэ къулъшырыфым и Никольскэ пщӏантӏэм. Фӏэщхъуныгъэ зиӏэхэм гуэныхьхэр яӏуэтэжащ, Мэсихь и Щэху Лъапӏэхэм хэтащ, псынэ лъапӏэм хыхьащ. Итӏанэ хьэжыщӏ кӏуэхэм зрагъэцӏыхуащ Суздальрэ Владимиррэ я члисэхэм я тхыдэр.
Бадзэуэгъуэм и 22-м Городецкэ Феодоровскэ цӏыхухъу къулъшырыфым тхьэлъэӏу литургие нэужьым гъуэгуанэм хэтахэм зыщагъэгъуэзащ псэупӏэми, Городцецрэ Нижний Новгородрэ я члисэхэм я тхыдэм.
Бадзэуэгъуэм и 23, 24-хэм хьэжыщӏ кӏуэхэр Тхьэ щелъэӏуащ Троицкэ Серафимо-Дивеевскэ цӏыхубз къулъшырыфым. Абыхэм гуэныхьхэр яӏуэтэжащ, хэтащ Кӏэнауэ Лъапӏэм ирикӏуэри, псынэ лъапӏэхэм щыӏащ. Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам папщӏэ екӏуэлӏапӏэм кӏуэхэм къащэхуащ щихъ Саровский Серафимрэ Дивеевская Александрэрэ я тхьэнапэщӏэхэр. Къулъшырыфым ахэр щихъхэм я хьэдэкъупщхьэхэм деж щагъэлъэпӏащ.
Бадзэуэгъуэм и 24, 25-хэм гупыр щыӏащ Серафимович къалэм дэт Усть-Медведицкэ Спасо-Преображенскэ къулъшырыфым.
Тхьэмахуитӏкӏэ хьэжыщӏ кӏуэныр зэхуащIыжащ Мамаев ӏуащхьэмахуэ — Сталинград зауэм и щӏыпӏэм - кӏуэурэ. Псори зэхэту гъуэгуанэм цӏыху 61-рэ хэтащ.

461
Фотогалерея