ЕССЭНТӀЫГУ КЪЭЗАКЪ ЗЭХУЭС ЩЕКӀУЭКӀАЩ

28.07.2026
Просмотры: 460

2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Ессэнтӏыгу станицэм щекӏуэкӏащ Ессэнтӏыгу къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм я отчет зэхыхьэ.
Абы щӏидзэн и пэ къэзакъхэм псоми я зэхуэдэ тхьэлъэӏу ирагъэкӏуэкӏащ. Итӏанэ зэфӏагъэкӏа лэжьыгъэм теухуа отчет ищӏащ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Цемэ П. Зэхуэсым хыхьэу къэзакъищым тхьэрыӏуэ ящӏащ.
Зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтащ къэзакъхэм ядэлэжьэнымкӏэ епархием и къудамэм хэт иерей Букарев Андрей. Щоджэныр атаманымрэ къэзакъхэмрэ ехъуэхъуащ зэхуэсыр ехъулӏэныгъэкӏэ зэрызэфӏэкӏамкӏэ икӏи ехъуэхъуащ къару быдэ, гукъыдэж яӏэну, Хэкумрэ Чристэн члисэмрэ яфӏ зыхэлъ лэжьыгъэхэмкӏэ Тхьэм дэӏэпыкъуну.

460