Минеральнэ Псыхэм я Покров члисэ Зэхуэхьэсам и «Покров-молодежь» щӏалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хэтхэр Осетие Ищхъэрэм и лъапӏэныгъэхэм хьэжыщӏ кӏуащ. Гъуэгуанэр траухуащ зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс зэрырикъум.
Минераловодскэ члисэ округым и благочиннэ, Покров хасэм и унафэщӏ протоиерей Копач Иоанн хьэжыщӏ кӏуащ, щӏалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр ехъулӏэныгъэкӏэ зэрыщӏидзам и щыхьэту. Гъуэгур щӏалэхэм езыхэм къыхахыжащ. Ахэр щыӏащ Владикавказ, Алан епархием и лъапӏэныгъэхэм.
Хьэжыщӏ кӏуэныр псоми я зэхуэдэ тхьэлъэӏукӏэ къыщӏадзащ. Итӏанэ, абы хэтахэр щыӏащ Богоявленскэ Аланскэ цӏыхубз къулъшырыфым, Зиусхьэныр Щаӏэт хасэу 1853 гъэм яухуам, Успенскэ Аланскэ цӏыхухъу къулъшырыфым.
Апхуэдэу щӏалэгъуалэр щыӏащ Беслъэн дэт «Мелыӏычхэм я къалэ» фэеплъыкхъэм, террорист ӏуэхум хэкӏуэда цӏыху 266-рэ зыщӏэлъым.
Унэм хьэжыщӏ кӏуэхэр къэкӏуэжащ Тхьэм фӏыщӏэ хуащӏу, гукъинэж дахэ ящыхъуауэ.