2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ иерей Якушев Александр хэтащ Зеленчукскэ районым терроризмэм пэщӏэт и комиссэм и зэӏущӏэм.
Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ махуэ къэс щӏыналъэм зыгъэпсэхуакӏуэ къакӏуэ цӏыхухэмрэ туристхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлӏа ӏуэхухэм.
Темэ нэхъыщхьэ хъуащ 2024-2028 гъэхэм терроризмэм и идеологием пэщӏэтынымкӏэ план зэхэтыр гъэзэщӏэныр. Комиссэм хэтхэр хэплъащ терроризмэм, неонацизмэм, нэгъуэщӏ экстремист екӏуэкӏыкӏэхэм я идеологием хэхуэнкӏэ хъуну цӏыхухэм теухуа профилактикэ лэжьыгъэр зэрекӏуэкӏым.
Зэӏущӏэм хэтахэм гулъытэ хэха хуащӏащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и IX зэхуэсыгъуэм и депутатхэр хэхыным зыщыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэм хэхакӏуэ инфраструктурэм и объектхэм я шынагъуэншагъэм. Ахэр тепсэлъыхьащ пэшхэм, инженер системэхэм, видеонэтын ӏэмалхэм я щытыкӏэм, пропускной режимыр къызэрызэрагъэпэщым, хабзэхъумэ ӏэнатӏэхэм зэрадэлажьэм, къызэрымыкӏуэ щытыкӏэхэр къэхъумэ, лэжьакӏуэхэм я ӏуэху зехьэкӏэм.
Зэӏущӏэр щиухым комиссэм игъэбелджылащ къащта унафэхэр гъэзэщӏэнымкӏэ жэуап зыхьхэр икӏи зэдэлэжьэным адэкӏи и унэтӏыныгъэхэр иубзыхуащ.