НАЛШЫК ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ КЪЭЗАКЪХЭМ Я ӀУЭХУХЭМ

20.07.2026
Просмотры: 481

2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин хэтащ къэзакъхэм я ӏуэхухэмкӏэ лэжьакӏуэ гупым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щригъэкӏуэкӏа зэӏущӏэм. Зэӏущӏэр щызэхэтащ лъэпкъ, дин зэхущытыкӏэхэм, ди лъэпкъэгъухэм защӏэгъэкъуэным теухуа Правительствэ комиссэм деж. Абы и унафэщӏу щытащ КЪБР-м и Правительствэм и Унафэщӏым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым.
Зэхыхьэм хэтахэр хэплъащ 2026 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Урысей Федерацэм къэзакъхэм яхуэгъэза къэрал политикэм и Стратегиер 2021-2030 гъэхэм гъэзэщӏэнымкӏэ и планыр зэрехъулIам кърикӏуахэм.
Докладхэр ящӏащ КъБР-м лъэпкъ ӏуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкӏэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащӏэ Гергоков Жамбулэтрэ Тэрч-Малкэ окружной къэзакъ зэгухьэныгъэм и штабым и унафэщӏым и дэӏэпыкъуэгъу Алябьев Артёмрэ.

481
Фотогалерея