Урупскэ районым хыхьэ Рожкао къуажэм иерей Чайковский Георгий тхьэлъэӏу щригъэкӏуэкӏащ Тхьэм папщӏэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, Текӏуэныгъэ къэзыхьа Георгий и члисэ яухуэм. Псоми я зэхуэдэ тхьэлъэӏум щызэхуэсащ къуажэм щыпсэухэр. Тхьэлъэӏу нэужьым ди адэ Георгий яухуэ члисэр зэпиплъыхьри, екӏуэлӏапӏэм кӏуэхэм епсэлъащ. Щоджэныр тепсэлъыхьащ щӏыпӏэм щыпсэухэм папщӏэ члисэ ухуэным и мыхьэнэм икӏи псоми фӏыщӏэ яхуищӏащ зэгъусэу тхьэ зэрелъэӏуам папщӏэ.