ГЪУНАПКЪЭХЪУМЭ ЗАУЭЛӀХЭР ЗАПАСЫМ ЯШЭРТ

06.07.2026
Просмотры: 447

УРЫСЕЙ ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыӏэм и унафэщӏхэм ирагъэблагъэри, Пятигорск, Черкесск епархием Налшык округым щиIэ благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин хэтащ запасым ягъакӏуэ дзэ къулыкъущӏэхэм я гуфӏэгъуэ зэхыхьэм.

Мамыр цӏыхухэм я цӏэкӏэ ди адэ Валентин гъунапкъэхъумэ зауэлӏхэм фӏыщӏэ яхуищӏащ хьэлэлу къулыкъу зэращӏэм папщӏэ. Ар абыхэм ехъуэхъуащ мамыр гъащӏэм Тхьэр къащыдэӏэпыкъуну икӏи ягу къигъэкӏыжащ ахэр игъащӏэкӏэ Хэкум и хъумакӏуэу къызэрынэнур.

 

447
Фотогалерея