БЛАГОЧИННЭР ХЭТАЩ СОВЕТЫМ И ЗЭӀУЩӀЭМ

04.07.2026
Просмотры: 444

Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин хэтащ Цӏыхум и хуитыныгъэхэмкӏэ Уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыӏэм и деж щызэхэт Эксперт советым и зэӏущӏэм. Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ къапэщылъ хэхыныгъэхэм хэхакӏуэ ӏуэхум хэтхэм я хуитыныгъэхэр къыщызэгъэпэщыным, Урысейм и УФСИН-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиӏэ ӏуэхущӏапӏэхэм пробацэм теухуа федеральнэ законым къигъэувхэр гъэзэщӏэным.

И кӏэм Эксперт советым хэтхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цӏыхум и хуитыныгъэхэмкӏэ и Уполномоченнэ Зумакулов Борис ехъуэхъуащ Невский Александр и орденыр къызэрыхуагъэфэщамкӏэ. Къэрал саугъэт лъагэр абы къыхуагъэфэщащ къэралым и пащхьэм щиӏэ фӏыщӏэшхуэхэм, илъэс куэдкӏэ хьэлэлу зэрылажьэм, хабзэр гъэбыдэным, цӏыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ хъумэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищӏам папщӏэ.

 

444