НОВОПАВЛОВСКЭ БЛАГОЧИНИЕМ ДИН ЛЭЖЬАКӀУЭХЭМ Я ГУЭНЫХЬХЭР ЯӀУЭТЭЖАЩ

04.07.2026
Просмотры: 493

2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м Марьинскэ станицэм Архангел Михаил и цӏэр зезыхьэ и члисэм щекӏуэкӏащ Новопавловскэ благочинием и дин лэжьакӏуэхэм я гуэныхьхэр ӏуэтэжыныр.

Гуэныхьхэр ӏуэтэжыным и щэхур игъэзэщIащ Новопавловскэ благочинием и дин лэжьакӏуэ протоиерей Бобылев Валентин. Гуэныхьхэр яӏуэтэжа нэужь, ди адэ Валентин дин-лэжьакӏуэхэм пастыр псалъэкӏэ захуигъэзащ. Тхьэм и унэм къакӏуэ дэтхэнэ цӏыхуми гулъытэ хуащӏыну къыхуриджащ.

Итӏанэ Архангел Михаил и цӏэр зезыхьэ члисэм и унафэщӏ иерей Цапко Владислав дин лэжьакӏуэхэр къуэш Iэнэм иригъэблэгъащ.

 

493