Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щӏалэгъуалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и члисэхэм щыӏащ. Хьэжыщӏ кӏуэхэр щыӏащ Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэмрэ Александровскэ станицэм и Невскэ Пщы Уэлий Александр и члисэмрэ, абы иужькӏэ Налшык къэкӏуащ. Апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цӏэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсам хьэщӏэхэм щаӏущӏащ КЪБР-м и чристэн щӏалэгъуалэм я «Мир всем» центрым и жыджэракӏуэхэр. Зэӏущӏэм хэтахэм папщӏэ хасэм зыплъыхьакӏуэ щрагъэкӏуэкӏащ. Итӏанэ екӏуэлӏапӏэ библиотекэм щӏалэгъуалэр щызэрыцӏыхуащ икӏи псоми я зэхуэдэ шхэгъуэм зэпсэлъэныгъэм щыпащащ.