2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м, щӏалэгъуалэм я Урысейпсо махуэм и пэ къихуэу, Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам Тхьэлъэӏу литургие нэужьым хасэм и унафэщӏ протоиерей Кузнецов Сергий Хэӏущӏыӏу ищӏащ Москварэ урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл зэрызыхуигъазэр.
Тхьэлъэӏум папщӏэ тхьэ елъэӏуащ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щылажьэ «Соборянхэр» щӏалэгъуалэ зэщӏэхъееныгъэм хэтхэр.
Ди адэ Сергий щӏалэгъуалэм фӏыщӏэ яхуищӏащ члисэ гъащӏэм жыджэру зэрыхэтам, социальнэ, хэкупсэ къулыкъум папщӏэ. Жыджэрхэр Къэрэшей-Шэрджэсым и социальнэ ӏуэхущӏапӏэхэм я нэӏэм щӏэтхэм ядоӏэпыкъу, щӏэзыхъумэ сетхэр яухуэн, окопэ шэху уэздыгъэхэр ящӏ, дзэ операцэ хэхам хэтхэм гуманитар дэӏэпыкъуныгъэр иралъхьэным хэтщ.
Екӏуэлӏапӏэм кӏуэ ныбжьыщӏэхэри Хэтщ Хэкупсэ акцэхэм, Пятигорск, Черкесск епархием и викторинхэм, хьэжыщӏ макӏуэ, дин лэжьакӏуэхэми щӏэх-щӏэхыурэ яӏуощӏэ.
Щӏалэгъуалэ зэщӏэхъееныгъэм хабзэфӏ хуэхъуащ Текӏуэныгъэм и Парадымрэ махуэшхуэ вальсымрэ хэтыныр.