ПСЭКУПСЭ ЛЪАПӀЭНЫГЪЭХЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ ИНСТИТУТЫМ

27.06.2026
Просмотры: 463

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Урысей МВД-м Краснодар щиIэ университетым и щӏэныгъэм щыхагъахъуэ Кавказ Ищхъэрэ институтым Налшык къалэм апостол пэлъытэ мироносицэ Магдалинэ Марие и цӏэр зезыхьэ и члисэм и щоджэн иерей Осипов Константин хэтащ институтым и лэжьакӏуэхэм яӏущӏам. Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуа псалъэмакъым хэтахэр тепсэлъыхьащ члисэмрэ институтымрэ жылагъуэм псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр щыгъэбыдэнымкӏэ зэрызэдэлажьэм.

463