БЛАГОЧИННЭХЭР ХЭТАЩ БАТАЛПАШИНСКЭ КЪЭЗАКЪ КЪУДАМЭМ ЩЫХАХА ЗЭХУЭСЫМ

26.06.2026
Просмотры: 385

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и благочиннэхэу протоиерей Нартов Александррэ иерей Якушев Александррэ хэтащ Баталпашинскэ къэзакъ къудамэм и хэхыныгъэ зэхуэсым.

Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ къудамэм и лэжьыгъэм и унэтӏыныгъэ нэхъыщхьэхэм. Абы хэтахэр тепсэлъыхьащ къэзакъхэр дзэ операцэ хэхам зэрыхэтым, жылагъуэ хабзэр хъумэным, къызэрымыкӏуэ щытыкӏэхэм я лъэужьхэр гъэкӏуэдыжыным, щӏалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным. Щхьэхуэу гулъытэ хуащӏащ мобилизацэ резервым хэгъэхъуэн зэрыхуейм.

Лэжьыгъэм и кӏэухым хэтахэм атаманымрэ правленэмрэ я лэжьыгъэм арэзы укъищӏу къалъытащ. Дедук Валерий зэдэарэзыуэ Баталпашинскэ къэзакъ къудамэм и атаману пӏалъэщӏэкӏэ хахыжащ.

385
Фотогалерея