ШКОЛАКӀУЭХЭР НИКОЛЬСКЭ ЧЛИСЭ ЗЭХУЭХЬЭСАМ ЩЫӀАЩ

25.06.2026
Просмотры: 349

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щыӏащ школ № 10-м и гъэмахуэ лагерым щеджэхэр.

Струговцов Денисрэ иерей Гурин Александррэ сабийхэр щагъэгъуэзащ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Черкесск къалэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм. Абыхэм къагъэлъэгъуащ члисэмрэ къэзакъхэмрэ я тхыдэмкӏэ музейм и экспонатхэр икӏи тепсэлъыхьащ дзэ операцэ хэхам и лъахэгъу лӏыхъужьхэм.

Итӏанэ школакӏуэхэм Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхыдэр къащӏащ, абы и лъапӏэныгъэхэмрэ сурэтымрэ зрагъэцӏыхуащ. Щӏалэхэр уэзджынэм дэкӏуеящ, уэзджынэ макъ зэхахри, езыхэр уэзджынэхэм еуэну хэтащ.

349
Фотогалерея