2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м, фэеплъымрэ гуауэмрэ я махуэм, Преграднэ станицэм и «Слава» фэеплъым деж ягу къыщагъэкӏыжащ Хэку зауэшхуэм хэкӏуэда Хэкум и хъумакӏуэхэм.
Фэеплъ дауэдапщэм хэтащ дин лэжьакӏуэхэм, Уруп районым и администрацэм я лӏыкӏуэхэр, станицэм щыпсэухэр, жылагъуэр. Къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэм зи псэр щӏэзыта ди лъахэгъу зауэлӏхэм я фэеплъым.
Мэзкуу зэманымкӏэ сыхьэт 12-рэ дакъикъэ 15-м зэхыхьэм хэтахэр къыхыхьащ «ДакъикъэкIэ щыгъуэ»Урысейпсо акцэм. Абыхэм тхьэлъэӏукӏэ, зыри жамыӏэу я фэеплъыр ягъэлъэпӏащ зауэ губгъуэхэм къимыкӏыжа зауэлӏхэмрэ Хэку зауэшхуэм хэкӏуэда псомрэ.
Щӏыпӏэ члисэм и унафэщӏ иерей Соловьёв Алексей къызэхуэсахэм псалъэкӏэ захуигъэзащ; "Текӏуахэм я щӏэблэм зэрахьа Лӏыгъэр лӏыгъэм, Хэкур фӏыуэ зэралъагъум, я къалэным зэрыхуэпэжым я щапхъэу къонэж. Нобэ а хабзэхэм пащэ дзэ операцэ хэхам хэт Урысейм и хъумакӏуэхэм. Дэхуэха лӏыхъужьхэм мыкӏуэдыжын фэеплъ. Ди Хэкум и хъумакӏуэхэр Зиусхьэным ихъумэ"