ПРОХЛАДНЭМ ЩЕКӀУЭКӀАЩ ФЭЕПЛЪ ӀУЭХУ

23.06.2026
Просмотры: 429

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м, фэеплъымрэ гуауэмрэ я махуэм, илъэс 85-рэ ирикъуащ Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ. Абы ди лъэпкъэгъу мелуан 27-м щӏигъум я гъащӏэр ихьащ.

КЪБР-м и Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм и унафэщӏ протоиерей Маршалкин Андрей хэтащ фэеплъ скверым щекӏуэкӏа «Дэ дощӏэж» фэеплъ акцэм.

Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, ди адэ Андрей жиӏащ:

"Фэеплъымрэ гуауэмрэ я махуэм члисэм дигу къегъэкӏыж зауэхэмрэ хэщӏыныгъэхэмрэ я бжыгъэхэм сыт щыгъуи цӏыху гъащӏэр, цӏыхухэм я къекӏуэкӏыкӏар, гузэвэгъуэр я щӏыбагъ къызэрыдэтыр. Дигу илъынкъэ-тӏэ! Текӏуахэм я щӏэблэм зэрахьа лӏыгъэм, ӏуэхуфӏхэм, Хэкум дызэрыхуэпэжым, Тхьэм и унафэхэм тету гъащӏэ духуэну дызэрыхущӏэкъум дытрырегъэгушхуэ».

429
Фотогалерея