САБИЙХЭМ ЩХЬЭЩЭ ХУАЩӀАЩ ХЭКУМ И ХЪУМАКӀУЭХЭМ Я ФЭЕПЛЪЫМ

23.06.2026
Просмотры: 332

Фэеплъымрэ гуауэмрэ я махуэм и пэ къихуэу, Ессэнтӏыгу и Пантелеимон члисэм и тхьэмахуэ школым и еджакӏуэу гъэмахуэ лагерым кӏуэхэр егъэджакӏуэм епсэлъащ Хэку зауэшхуэмрэ абы ди къэралым и тхыдэм щиӏэ мыхьэнэмрэ теухуауэ.

Уэршэрым здыхэтым сабийхэм къащӏащ ди лъэпкъым зэрихьа лӏыгъэри, зауэм и илъэсхэм Урыс Чристэн Члисэм хуэныкъуэхэм зэрызыщӏигъакъуэри, цӏыхухэр фӏэщхъуныгъэкӏэ зэригъэбыдэри, я псэм и къарур яхъумэнымкӏэ сэбэп зэрыхъуари.

Зэпсэлъа нэужь, гъэсэнхэм егъэджакӏуэм и гъусэу я фэеплъыр ягъэлъэпӏащ дэхуэха зауэлӏхэм. Абыхэм Мыкӏуэдыжын мафӏэм удз гъэгъахэр тралъхьэри, хэкӏуэдахэр зы дакъикъэкӏэ щыму ягъэлъэпӏащ.

332