Дэхуэхахэм я фэеплъыр къэзакъхэм я гъусэу ягъэлъэпӏащ

23.06.2026
Просмотры: 6

КЪБР-м И Налшык щекӏуэкӏащ фэеплъымрэ гуауэмрэ я Махуэм теухуа фэеплъ ӏуэху.Ар къызэрагъэпэщащ урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкӏэ «Вече» зэгухьэныгъэмрэ щӏэблэ тэрч къэзакъхэмрэ зэгъусэу хэкупсэ проектым ипкъ иткӏэ.
Цӏыхуищэм щӏигъу хэтащ, абыхэм яхэтащ сабийхэр, дзэ операцэ хэхам хэтхэр, къэзакъхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ дин лэжьакӏуэхэмрэ я лӏыкӏуэхэр.
Программэм хыхьащ хэкупсэ уэрэдхэр, хореографие композицэхэр, Хэкум и хъумакӏуэхэм я фэеплъ къэпсэлъэныгъэхэр, фланкировкэм и пкъыгъуэхэр зыхэлъ къэзакъхэм я гъэлъэгъуэныгъэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, тхыдэ фэеплъыр хъумэным хуэунэтӏа нэгъуэщӏ ӏуэхугъуэхэри.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Симеон члисэм и щоджэн иерей Сорокин Сергий Текӏуэныгъэ Иным и уасэр зэрылъагэр ягу къигъэкӏыжащ икӏи къыхигъэщащ нобэ псом хуэмыдэу лъэпкъым и зэкъуэтыныгъэр хъумэным, тхыдэ пэжым хуэпэжыным, Хэкум папщӏэ зи псэр зытахэм зэрахьа лӏыгъэр пщӏэжыным мыхьэнэшхуэ зэриӏэр.
Акцэ нэужьым щоджэныр къэзакъхэмрэ щӏалэгъуалэмрэ епсэлъащ. Уэршэрым хэту тепсэлъыхьащ щӏэблэхэм я щӏэжым, къэзакъ хабзэхэр хъумэным, псэкупсэ-щэнгъасэ гъэсэныгъэм.
Къэзакъхэр Сыт щыгъуи Чыристан Динымрэ Хэкумрэ я щӏэгъэкъуэнт. Нобэ фэращ зэлъытар а щӏэблэхэм я зэпыщӏэныгъэ псэур къызэтенэнуми. Фӏэщхъуныгъэм фыхуэсакъ, Фи Хэкур фӏыуэ флъагъу, адэжьхэм зэрахьа лӏыгъэм пщӏэ хуэфщӏ, щӏалэгъуалэр жэуаплыныгъэрэ гъунэгъухэм яхуэлэжьэнрэ яхэлъу вгъасэ», — яжриӏащ щоджэным къэзакъхэм.

6
Фотогалерея