ЗЭПЭЩУ ЕКӀУЭКӀАЩ ЕКӀУЭЛӀАПӀЭМ И ЗЭХУЭСЫР

22.06.2026
Просмотры: 437

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м Тхьэлъэӏу литургие нэужьым КъШР-м и Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм екӏуэлӏапӏэ зэхуэс щекӏуэкӏащ.
Абы щӏидзэны и пэ къихуэу екӏуэлӏапӏэм кӏуэхэм захуигъэзащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ иерей Якушев Александр. Абы ягу къигъэкӏыжащ екӏуэлӏапӏэ зэхуэсыр щӏызэхуашэсыр икӏи къиӏуэтэжащ сыт хуэдэ ӏуэхухэм тепсэлъыхьынуми.
Члисэм и екӏуэлӏапӏэ советым и унафэщӏ иерей Субтельный Иоанн екӏуэлӏапӏэм 2025 гъэм иригъэкӏуэкӏа лэжьыгъэм теухуа отчетыр къигъэлъэгъуащ. Зэхуэсым апхуэдэу хэтащ Исправненскэ къуажэ жылагъуэм и ӏэтащхьэ Березовский Александр.

437
Фотогалерея