НАЛШЫК КСВО-М И ЗЭХУЭС КЪЫЩЫЗЭӀУАХАЩ

22.06.2026
Просмотры: 437

Налшык къыщызэӏуахащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм я Комитетым и окружной зэхуэс.  Форумым и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм хэтхэр, министрхэр, дин лэжьакӏуэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лӏыкӏуэхэр. Форумыр къызэӏуихащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Ӏэтащхьэ Коков Казбек. Абы къэпсэлъэныгъэр иригъэжьащ Хэкум и хъумакӏуэхэм я анэхэм, щхьэгъусэхэм, шыпхъухэм фӏыщӏэ яхуищӏу.
Зэхыхьэм хэтхэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм я Комитетым и унафэщӏ, Урысейм и Президентым деж граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ цӏыхум и хуитыныгъэхэмкӏэ щыӏэ Советым хэт Белеховэ Юлие. Абы жиӏащ 2022 гъэм нэрылъагъу зэрыхъуар: дзэ операцэ хэхам хэтхэм я унагъуэхэм дэӏэпыкъуныгъэ къудей мыхъуу, зэпымыууэ защӏэгъэкъуэн зэрыхуейр. Апхуэдэу къэунэхуащ Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм я Комитетыр. Нобэ абы хэтщ щӏыналъэ штаб 90, цIыху жыджэр мини 10-м щӏигъу. IуэхущIапIэр сэбэп хъуащ зэрызыкъыхуагъазэ мин 600-м щӏигъум хэплъэнымкӏэ.
«Духовно-психологическая поддержка» дискуссие утыкум и лэжьыгъэм хэтащ Пятигорск, Черкесск епархием и Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин.

437
Фотогалерея