СПОРТСМЕН НЫБЖЬЫЩӀЭХЭР ПРОХЛАДНЭ ДЭТ ЧЛИСЭМ ЩЫӀАЩ

20.06.2026
Просмотры: 502

МЫ тхьэмахуэм КъБР-м и Екатериноградскэ станицэм и спорт школым и гъэсэнхэр щыӏащ Прохладнэ къалэм. Ахэр Никольскэ члисэм щыӏащ, лъапӏэныгъэхэм я тхыдэм зыщагъэгъуэзащ, щалъхуа щӏыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ хабзэхэмрэ щэнхабзэ щӏэинхэмрэ къащӏащ. Никольскэ члисэм зыплъыхьакӏуэ щригъэкӏуэкӏащ иерей Еремеев Андрей. Итӏанэ щӏалэхэм мэжджытыр ирагъэлъэгъуащ. Гъуэгуанэр спортсмен ныбжьыщӏэхэм гукъинэж дахэ ящыхъуащ икӏи щӏэ куэд къащӏэнымкӏэ сэбэп къахуэхъуащ.

502
Фотогалерея