ПРОХЛАДНЭ ЧЛИСЭМ МУЗЕЙ КЪЫЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

13.06.2026
Просмотры: 402

Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм "Православие на Прохладненской земле» музей гъэлъэгъуэныгъэм елэжьын щыщӏадзащ. Проектыр епархием и грантым и мылъкукӏэ ягъэзащӏэ.
Къэкӏуэну гъэлъэгъуэныгъэм папщӏэ витринэхэр ящӏащ икӏи ягъэуващ. Хъыбарегъащӏэ стендхэр гъэхьэзырыным пащэ.
Апхуэдэу лэжьакӏуэхэм зэхалъхьэ музей коллекцэм хыхьэну архив материалхэр, дэфтэрхэр, пасэрей хьэпшыпхэр.

402
Фотогалерея