Школ № 17-м щеджэхэм папщӏэ хасэм зыщрагъэплъыхьащ.
Щӏалэхэм Зрагъэцӏыхуащ Пятигорск и чристэн члисэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым и тхыдэр, къащӏащ абы и архитектурэмрэ лъапӏэныгъэхэмрэ.
Иерей Ендовицкий Сергий школакӏуэхэм яхутепсэлъыхьащ Чыристан Диным и хабзэхэмрэ и дамыгъэхэмрэ, абыхэм я упщӏэхэми жэуап яритащ.
Зыплъыхьакӏуэ нэужьым волонтёрхэм хьэщӏэхэр ӏэфӏыкӏэкӏэ ягъэхьэщӏащ.