Налшык къалэм и «Лэгъупыкъу» санаторэм щекӏуэкӏащ урысыбзэм и Махуэмрэ Урысейм И Пушкин махуэмрэ теухуа зэӏущӏэ. Ар къызэрагъэпэщащ налшык члисэ округымрэ урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкӏэ «Вече»Зэгухьэныгъэмрэ ящӏыгъуу.
Зэӏущӏэм хэтащ сабиищэм щӏигъу. Щӏалэхэм зыщагъэгъуэзащ Пушкин Александр Сергей и къуэм и творчествэм, урысыбзэм и къулеягъым, Урысейм и щэнхабзэ щӏэиным.
Интерактив щӏыкӏэм тету сабийхэм творческэ лэжьыгъэхэр ягъэзащӏэрт, урыс усакӏуэшхуэм и ӏэдакъэщӏэкӏхэм къеджэрт, абыхэм я купщӏэми тепсэлъыхьырт, цӏыхугъэ лъапӏэныгъэхэм егупсысу.
Налшык къалэм и апостол пэлъытэ Магалинэ Марие и цӏэр зезыхьэ члисэм и щоджэн иерей Осипов Константин къыхигъэщащ апхуэдэ зэӏущӏэхэр анэдэлъхубзэр фӏыуэ ялъагъунымкӏэ, хэку щэнхабзэм пщӏэ хуащӏынымкӏэ сэбэп зэрыхъур, къыдэкӏуэтей щӏэблэм щэн-хабзэ гъуазэхэр къызэрыхузэрагъэпэщыр.
Зэӏущӏэм хэтхэм урыс литературэмрэ тхыдэмрэ хуащӏ гулъытэр къигъэушащ. Символичнэщ Ар Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым зэрекӏуэкӏар, лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэмрэ щэнхабзэ зэпсэлъэныгъэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраӏэр ягу къигъэкӏыжу.