Къэзакъ хъурейр Бгым щекӏуэкӏащ

08.06.2026
Просмотры: 33

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м Горный къуажэм, москва и Матронэ тхъэгъуэм и члисэм, къэзакъ къутыр зэгухьэныгъэм и къэухь щекӏуэкӏащ.
Зэхуэсым щӏидзэн и пэ къихуэу члисэм и унафэщӏ иерей Иуан Дзыбэ тхьэлъэӏу ищӏащ. Фӏэхъус псалъэм щоджэным къэзакъхэм ягу къыщигъэкӏыжащ къэзакъым и ӏэщӏагъэ нэхъыщхьэр Зиусхьэну Тхьэм хуэлэжьэныр, Гуэныхьхэр Ӏуэтэжынымрэ Причащенэ Лъапӏэмрэ я щэхухэм хэтыныр зэрыарар
Хъурейм хэтхэр тепсэлъыхьащ жылагъуэм и гъащӏэм иджыпсту ехьэлӏа ӏуэхухэм. Абыхэм гулъытэ хэха хуащӏащ къэзакъхэр екӏуэлӏапӏэм и гъащӏэм хэтыным, члисэ, къэрал махуэшхуэхэр зэгъусэу егъэкӏуэкӏыным.

33