Юцэ щекӏуэкӏащ унагъуэм теухуа зэӏущӏэхэр

05.06.2026
Просмотры: 6

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-3-хэм Юцэ къуажэм Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и члисэмрэ курыт еджапӏэ № 11-мрэ я щӏыналъэм щекӏуэкӏащ «7Яфест»унагъуэм и Урысейпсо тхьэмахуэм теухуа зэӏущӏэхэр. Абыхэм хэтащ школ щӏыб гъэмахуэ лагерым и гъэсэнхэр, пашэхэр, егъэджакӏуэхэр, адэ-анэхэр, члисэм и тхьэмахуэ школым и егъэджакӏуэхэр. Хэтхэм папщӏэ ирагъэкӏуэкӏащ «Унагъуэр лъагъуныгъэм, гуапагъэм, гущӏэгъум я хытӏыгущ»псалъэмакъыр. Итӏанэ екӏуэкӏащ «Унагъуэ махуэшхуэхэмрэ унагъуэ джэгукӏэхэмрэ»мастер-классыр. Апхуэдэу хьэщӏэхэр щыӏащ «Моя семейная реликвия» екӏуэлӏапӏэ гъэлъэгъуэныгъэм, унагъуэ лъапӏэныгъэхэмрэ фэеплъ хьэпшыпхэмрэ зыщагъэгъуэзащ.

6
Фотогалерея