"Дыгъафӏэ къалэ цӏыкӏум" гъэмахуэ форум къыщызэӏуахащ

03.06.2026
Просмотры: 6

"Дыгъафӏэ къалэ цӏыкӏум " лэжьэн щыщӏидзащ гъэмахуэ инклюзивнэ зыгъэпсэхупӏэ форумым и утыкум.
Форумым хэтащ Центрым и гъэсэнхэмрэ Тхьэм и Анэм и «всех скорбящих Радость»тхьэнапэм и сымаджэщ члисэм и тхьэмахуэ школым щеджэхэмрэ.
Къызэӏуахыну къэкӏуащ «Солнечный городок» — м и ныбжьэгъухэр-фадэмрэ тутынымрэ кӏэлъыплъынымкӏэ Федеральнэ къулыкъущӏапӏэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиӏэ Щӏыналъэ Зэхуаку управленэм и лэжьакӏуэхэр.
Центрым и унафэщӏым хьэщӏэхэм фӏыщӏэ тхылъхэр яритащ гъэмахуэ форумым зэрызыщӏагъакъуэм папщӏэ икӏи «Дыгъафӏэ къалэ цӏыкӏум»зыщригъэплъыхьащ.
Форумым и япэ махуэр ӏэнэ ӏэфӏым щызэпсалъэурэ иухащ.

6
Фотогалерея