2026 гъэм накъыгъэм и 25-м Ессэнтӏыгу, унагъуэм и Урысейпсо тхьэмахуэм хыхьэу, щекӏуэкӏащ «Мамино письмо»фильмыр псапащӏэ гъэлъэгъуэныгъэ. Ар къызэрагъэпэщащ Пятигорск епархием и миссионер къудамэм, «анэм Папщӏэ Унэ» кризис центрым, «Дружба»кинотеатрым.
Зэӏущӏэм къекӏуэлӏащ студентхэр, жылагъуэм и лӏыкӏуэхэр, дин лэжьакӏуэхэр. Еплъа нэужь, хэтахэр тепсэлъыхьащ унагъуэ лъапӏэныгъэхэм, анагъэм, ӏыхьлыхэм папщӏэ жэуаплыныгъэм.
Щӏалэгъуалэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Ессэнтӏыгу члисэ округым и благочиннэ протоиерей Фещенкэ Стефан. «Анэм Папщӏэ Унэ» центрым и унафэщӏ Рубец Ларисэ тепсэлъыхьащ ессэнтӏыгу дэт центрым зэфӏигъэкӏ цӏыхубз уэндэгъухэмрэ анэхэмрэ зэрадэӏэпыкъум.
Фильм нэужьым студентхэмрэ дин лэжьакӏуэхэмрэ тепсэлъыхьащ сурэтым, абы и щэн-хабзэ темэхэм, сюжетым зи гугъу щытщӏа гъащӏэ щытыкӏэхэм. Зэӏущӏэм хэтахэми тематикэ хъыбарегъащӏэ флаерхэр къаӏэрыхьащ.