Москварэ урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл и нэфӏ къыщыхуауэ 2026 гъэм накъыгъэм и 24-м къыщыщӏэдзауэ и 31 пщӏондэ урысей щӏыналъэхэм щокӏуэкӏ «7Яфест»унагъуэм и Урысейпсо тхьэмахуэр. Акцэр хуэунэтӏащ хабзэ хъуа унагъуэмрэ унагъуэ лъапӏэныгъэхэмрэ защӏэгъэкъуэным.
2026 гъэм накъыгъэм и 24-м, Тхьэлъэӏу литургиер щиухым, Прохладнэ къалэм И Никольскэ члисэм унагъуэм теухуа тхьэлъэӏу щрагъэкӏуэкӏащ. Тхьэлъэӏу нэужьым члисэм и унафэщӏ протоиерей Маршалкин Андрей щӏыхь тхылъхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ яритащ чристэн хабзэм сабийхэр щызыпӏ екӏуэлӏапӏэм и бынунагъуэшхуэхэм.