Налшык щагъэлъэпӏащ тхыбзэм и Махуэр

25.05.2026
Просмотры: 5

2026 гъэм накъыгъэм и 22-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Мальбаховым и цӏэр зезыхьэ и Къэрал лъэпкъ библиотекэм Налшык щекӏуэкӏащ славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я Махуэмрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсымрэ теухуа узэщӏыныгъэ зэӏущӏэ.

Зэӏущӏэм хэтащ налшык къалэм и апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие И цӏэр зезыхьэ члисэм и щоджэн иерей Осипов Константин, республикэм и властым и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, дин лэжьакӏуэхэм я лӏыкӏуэхэр, Налшык и школхэм я класс нэхъыжьхэм щӏэсхэр.

КЪБР-м лъэпкъ ӏуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкӏэ и министерствэм библиотекэр и дэӏэпыкъуэгъуу зэӏущӏэ къызэригъэпэщащ. Хэтахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэр хъумэным, урысыбзэр лъэпкъ зэпсэлъэныгъэм и бзэу дэӏыгъыным.

5