Налшык округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин псалъэ гуапэкӏэ къыщыпсэлъащ Налшык къалэм щекӏуэкӏа «Урысей — ди зэхуэдэ унэ» щӏалэгъуалэ форумыр къыщызэӏуахым.
Форумыр Къызэригъэпэщащ Ӏимам Абу Хьэнифэ и цӏэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым, ислъам щэнхабзэр, щӏэныгъэр, егъэджэныгъэр дэӏыгъынымкӏэ Фондыр и дэӏэпыкъуэгъуу. Гъэхьэзырынми хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муслъымэнхэм я Дин ӏуэхущӏапӏэр, Пятигорск къэрал университетым и хабзэ урысей псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр хъумэнымрэ гъэбыдэнымкӏэ И Центрыр, Бэрбэч Хьэтӏутӏэ И цӏэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр.
Форумым хыхьэу йокӏуэкӏ «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымкӏэ, террорист идеологием пэщӏэтынымкӏэ дин зэгухьэныгъэхэм я Хъугъуэфӏыгъуэхэр»дискуссие утыкур.