Накъыгъэм и 16-м Пятигорск къалэм и Успенскэ члисэм тхьэлъэӏу литургием щызэхуэсащ дзэ операцэ хэхам хэтхэм я къэзакъхэр, фызабэхэр, анэхэр. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм я гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъ полковник Савченкэ Владимир, Горячеводскэ станицэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Иванов Руслан. Тхьэлъэӏу нэужьым члисэм хьэдэщӏэлъхьэ тхьэлъэӏу щрагъэкӏуэкӏащ хэкӏуэда зауэлӏхэмрэ къэзакъхэмрэ ятеухуауэ. Итӏанэ члисэм и унафэщӏ иерей Вдовин Владимир къызэхуэсахэр иригъэблэгъащ псоми я зэхуэдэ шхэгъуэм. Псалъэмакъым адэкӏэ щытепсэлъыхьащ ӏыхьлыхэр зэрафӏэкӏуэдар зэрагъэвынум, Зиусхьэным цӏыхум гъэунэхуныгъэхэр къыщӏритым, зэман гугъухэм фӏэщхъуныгъэр зэрыщахъумэнум.
Псоми я зэхуэдэ тхьэлъэӏумрэ къуэш зэпсэлъэныгъэмрэ иужькӏэ зэӏущӏэм хэтхэм ядэӏэпыкъуащ зыр адрейм зыщӏагъэкъуэнымкӏэ, я гукъеуэр зэдагуэшынымкӏэ.