ДОКӀУЭ, ГЪУНЭГЪУ КЪУАЖЭМ ДОКӀУЭ

14.05.2026
Просмотры: 391

Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ щIыналъэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым щокӏуэкӏ сабийхэмрэ щӏалэгъуалэмрэ папщӏэ «Докӏуэ, гъунэгъу къуажэм докӏуэ!» Iуэхур. Абы хэтащ районым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм щыщ еджакӏуэ, абыхэм я адэ-анэ 200-м щӏигъу. Проектым сабийхэр щыгъуазэ ещӏ гъунэгъуу щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, фӏэщхъуныгъэм, хабзэхэм. Абы хэтхэм папщӏэ къызэрагъэпэщащ дзэ операцэ хэхам хэтхэми, дин хабзэхэм я лӏыкӏуэхэми творческэ зэӏущӏэхэр, концерт программэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр.

Пролетарскэ, Алтуд къуажэхэм школакӏуэхэм щаӏущӏащ Солдатскэ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщӏ иерей Молдованов Евгений, Прохладнэ, Май районхэм я раис-ӏимамым и гъусэу. Зэпсэлъэныгъэхэм хэта щыгъуэхэр тепсэлъыхьащ гаджетхэм егъэлеяуэ зэрыдихьэхым и зэраным, хабзэр къызэрызэпаудам папщӏэ жэуаплыныгъэм, цӏыхур цӏыхугъэкӏэ къызэрыхахым. Псэлъэгъухэм гулъытэ щхьэхуэ хуащӏащ Кавказым и хабзэ динитӏым я лӏыкӏуэхэм мамыру зэдэпсэуным, пщӏэ зэхуащӏыным теухуахэм. Щӏалэхэр псалъэмакъым жыджэру хэтащ, упщӏэхэр иратащ, я гупсысэхэмкӏэ зэдэгуэшащ.

 

391
Фотогалерея