ЩОДЖЭНЫР ЕДЖАКӀУЭХЭМ ЕПСЭЛЪАЩ ТХЬЭЛЪЭӀУМ, ФӀЭЩХЪУНЫГЪЭМ, ГУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

12.05.2026
Просмотры: 336

Накъыгъэм и 8-м Железноводск и школ № 3-м щекӏуэкӏащ Текӏуэныгъэм и Махуэм теухуа гуфӏэгъуэ зэхыхьэ.
Школакӏуэхэм хъуэхъу псалъэкӏэ захуигъэзащ апостол пэлъытэ гуащэ Лъапӏэ Ольгэ и члисэм и щоджэн иерей Пимичев Димитрий. Абы школакӏуэхэм яхутепсэлъыхьащ зауэм и илъэсхэм фӏэщхъуныгъэр, тхьэлъэӏур, гугъапӏэр цӏыхухэм гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэр яшэчынымкӏэ зэрахуэщхьэпам.
ЗэIущIэ нэужьым щоджэным сабийхэм щепсалъэм пищащ 2-нэ классым щекӏуэкӏа дерс зэӏухам.

336
Фотогалерея