ТХЬЭМ И АНЭМ И ВЛАДИМИРСКЭ ТХЬЭНАПЭМ И ЧЛИСЭМ ЩРАГЪЭКӀУЭКӀАЩ «БЛАГОВЕСТ» ЩӀАЛЭГЪУАЛЭ КЛУБЫМ И ЗЭӀУЩӀЭ

11.05.2026
Просмотры: 414

Тхьэлъэӏу литургие нэужьым Тхьэм и Анэм и Владимирскэ тхьэнапэм и члисэм и «Благовест» щӏалэгъуалэ клубым хэтхэр Новопавловск къалэм и «Заря» СРЦН сабий центрым и гъэсэнхэм я гъусэу псоми я зэхуэдэ шхэгъуэм щызэхуэсри, библием къыщыхьа темэхэм тепсэлъыхьащ.
Члисэм и унафэщӏ иерей Переверзев Роман щӏалэхэм яхутепсэлъыхьащ цӏыхум и гъащӏэм ӏуэхуфӏхэмрэ лэжьыгъэмрэ щаӏэ мыхьэнэм. Уэршэр нэужьым щӏалэхэм лыр мафIэкIэ  ягъэхьэзыращ.

414
Фотогалерея