Накъыгъэм и 5-м Кисловодск щрагъэжьащ Хэку зауэшхуэм совет цӏыхубэм щызэрахьа лӏыгъэм теухуа «Текӏуэныгъэм и Автопробег» Iуэхур.
Автоколоннэм гъуэгур иригъэжьащ «Кърухэр» дзэ щӏыхьым и фэеплъым деж. Мыбдежт зауэм и илъэсхэм Кисловодск щыпсэухэр фронтым щыIукӏыр.
Автопробегым щӏидзэным и пэ къихуэу абы хэтхэм захуигъэзащ запасым щыӏэ полковник Мерзеликин Сергей Петр и къуэм. Артемовск и екӏуэлӏапӏэхэм щекӏуэкӏа зауэм къыщигъэлъэгъуа лӏыгъэмрэ лӏыхъужьыгъэмрэ папщӏэ абы «Лӏыхъужьыгъэ» орденыр къыхуигъэфэщащ Президент Путин Владимир.
Iуэхум хэтащ Чристэн гимназием и еплӏанэ классымрэ класс нэхъыжьхэмрэ щӏэсхэр.
Зауэм къимыкӏыжа кисловодчанхэм я фэеплъу зы дакъикъэкӏэ щыгъуа нэужь, гимназист ныбжьыщӏэхэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.