Къэрэшей муниципальнэ районым и администрацэм и ӏэтащхьэ Караев Щэмил Ӏущӏащ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ, щоджэн Якушев Александр.
Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ районым и администрацэмрэ дин лэжьакӏуэхэмрэ псэкупсэ лъапӏэныгъэхэр гъэбыдэным, мамырыгъэр хъумэным ехьэлӏауэ зэрызэдэлажьэм.
Гулъытэ хэха хуащӏащ накъыгъэм и 6-м, Тхьэм папщӏэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, Текӏуэныгъэ къэзыхьа Георгий и фэеплъ махуэм, махуэшхуэ тхьэлъэӏухэр къызэгъэпэщыным. Щихъыр Кавказым куууэ щагъэлъапӏэ икӏи зауэлӏхэм я жьауэм щӏэту къалъытэ нобэ абы мыхьэнэ хэха зэриӏэр.