ДЗЭ IУЭХУ ХЭХАМ И ЗАУЭЛӀХЭМ Я АНЭХЭМРЭ ЩХЬЭГЪУСЭХЭМРЭ ПЯТИГОРСК ЕПАРХИЕМ И ЛЪАПӀЭНЫГЪЭХЭМ ЩХЬЭЩЭ ХУАЩӀАЩ

05.05.2026
Просмотры: 431

2026 гъэм накъыгъэм и 2 — м Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт и нэфӏ зыщыхуа Налшык члисэ округым и благочинием къызэригъэпэщащ дзэ Iуэху хэхам и зауэлӏхэм я анэхэмрэ фызабэхэмрэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм я Комитетым хэтхэм - хьэжыщӏ кӏуэн Iуэхур къызэригъэпэщащ.
Хьэжыщӏ кӏуэхэр щыӏащ Успенскэ Второ-Афон Бештаугорскэ цӏыхухъу къулъшырыфым, апостол лъапӏэхэу Пётррэ Павелрэ я члисэ комплексым, Ессэнтӏыгу дэт Свято-Георгиевскэ цӏыхубз къулъшырыфым. Мыбдеж «София» екӏуэлӏапӏэм и гъэсэнхэм ӏутӏыж концерт щагъэлъэгъуащ.
Пятигорск, Черкесск епархием Налшык щиIэ округым и благочиниемрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм я Комитетымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыӏуэныгъэм ипкъ иткӏэ гъуэгуанэр екӏуэкӏащ.

431
Фотогалерея