КИСЛОВОДСК ШКОЛЫМ КЪЫЩЫЗЭӀУАХАЩ «ЛӀЫХЪУЖЬЫМ И ПАРТЭ»

03.05.2026
Просмотры: 265

Текӏуэныгъэм и Махуэм и пэ къихуэу Кисловодск къалэм и школ № 9-м къыщызэӏуахащ «Лӏыхъужьым и Партэ». Ар траухуащ дзэ къалэныр игъэзащӏэу хэкӏуэда, еджапӏэр къэзыуха Иванов Денис. Партэм лӏыхъужьым и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа тхыгъэ кӏэщӏ трагъэуващ.

Школым и администрацэм иригъэблагъэри, Iуэхум хэтащ Кисловодск къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм и щоджэн иерей Лиманов Георгий. Щоджэным зауэлӏым и анэм фӏыщӏэ хуищӏащ и къуэр екӏуу зэригъасэм папщӏэ, апхуэдэуи школакӏуэхэр къыхуриджащ къурмэн лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэ зауэлӏхэм зэрахьа лӏыгъэмрэ Хэкум зэрыхуэпэжымрэ я фэеплъыр яхъумэну.

 

265