Железноводск къалэм и Покров члисэм и щоджэн иерей Тарнакин Андрей Пятигорск къалэм щаӏущӏащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и студентхэм. Абы утыку кърихьащ «афияным псэкупсэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкӏэ зэран зэрыхъум теухуауэ» докладыр. Андрей къыхигъэщхьэхукӏащ щхьэхуимытыныгъэм цӏыхум и ӏэпкълъэпкъым и узыншагъэм и мызакъуэу, и дунейри зэрызэтрикъутэр, гъащӏэм, щхьэхуитыныгъэм, цӏыхугъэ унэтӏыныгъэхэм я мыхьэнэр зэрыӏэщӏихыр. Щоджэным гулъытэ хэха хуищӏащ псэкупсэ жэуаплыныгъэм, унагъуэмрэ жылагъуэмрэ щхьэхуимытыныгъэхэр къыщымыгъэхъунымкӏэ яӏэ мыхьэнэм, щӏалэгъуалэм гъащӏэ лъапӏэныгъэ быдэхэр къахузэгъэпэщыным и мыхьэнэм.
Зэӏущӏэм апхуэдэу хэтащ ФСИН-м и лэжьакӏуэхэр, МВД-мрэ «Генезис» реабилитацэ центрымрэ я лӏыкӏуэхэр. Ӏэщӏагъэлӏхэм я зэфӏэкӏымкӏэ къыддэгуэшащ щхьэхуимытыныгъэм ӏууа цӏыхухэм, тепсэлъыхьащ профилактикэмрэ реабилитацэмрэ я ӏэмалхэм.