2026 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м Черкесск къалэм и Медицинэ колледжым щекӏуэкӏащ «Знание» урысейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща адэ-анэхэм я зэхуэсыр. Адэ-анэм епсэлъащ: Батчаевэ Мадинэ, Пхъэшх Иринэ, ӏимам Семэн Динислам, Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр сымэ.Ахэр тепсэлъыхьащ иджырей щытыкӏэхэм деж щӏалэгъуалэм псэкупсэ зэкъуэтыныгъэр яхъумэнымкӏэ, зэманым и джэлэсхэм япэщӏэтынымкӏэ зэрадэӏэпыкъуну щӏыкӏэм. Александр тепсэлъыхьащ Кавказым щыӏа, лъэпкъхэр мамыру, зэгурыӏуэу псэунымкӏэ, зэныбжьэгъугъэмрэ зэдэӏэпыкъуныгъэмрэ гъэбыдэнымкӏэ сэбэп хъуа зэныбжьэгъугъэ хабзэм, итӏанэ къихьащ Хэку зауэшхуэм хэта, КъШР-м щыпсэухэм зэрахьа лӏыгъэр и лъабжьэу зэкъуэтыныгъэм и щапхъэхэр: Солнышкин Афанасий, Зорин Виталий, Даур Джэгъфар сымэ. Хэхауэ щоджэным къыхигъэщащ зауэ нэужь илъэсхэми я зэныбжьэгъугъэм зэрыпащар, зэкъуэту зэрыщытар, Хэкур фӏыуэ зэралъагъур.