Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым щекIуэкIащ Пятигорск и медицинэ-фармацевтикэ институтым и егъэджакIуэхэм, абы щылэжьа щIэныгъэ лэжьакIуэхэм, щоджэн Хлынов Кириллрэ соборым и еджакIуэ Ивакин Георгийрэ я зэхуэс. ХьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ соборым и тхыдэм, и щыIэкIэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ тхьэнапэхэр тхыным. ЗэIущIэр щиухым Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжа махуэшхуэм тепсэлъыхьащ. Щоджэным зэхуэсахэм яритащ Урыс Чристэн Члисэм и Псапэ къудамэм игъэхьэзыра тхыгъэхэр.