Горнэ къуажэм Христос лIахэм къащыхэтэджыкIыжа махуэшхуэ нэхум IутIыж зэхыхьэ щекIуэкIащ. Махуэшхуэм ирагъэблэгъащ блаженнэ Московская Матронэ и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн Дзыбэ Иоанн. Щоджэныр гъэсакIуэхэмрэ сабийхэмрэ ехъуэхъуащ Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжамкIэ, IэфIыкIэхэр яритащ, IутIыжым теухуа буклетхэр яхуигуэшащ, Псапэ къудамэм игъэхьэзырахэр.